лъэдакъэ

лъэдакъэ
1. пятка (ноги)
/ Лъакъуэр зэрытеувэ щIыбагъ лъэныкъуэр.
* Абы зэ лъапэкIэ, зэ лъэдакъэкIэ теуэу Къэрэжан и пащхьэм зыщегъэуфафэ. Хь. Хь.
2. каблук
/ Туфлъэ, къатыр лъэгухэм щIэукIа къытелъэгыкIыр.
* Нал зыщIэукIа шырыкъу лъэдакъэхэр мэтIыркъэ ину. Iуащхь.
3. толстый конец бревна
/ КъэкIыгъэ лъэдий пыупщIам и кIапэ нэхъ гъум лъабжьэм и гъунэгъуу щытыр.
* Зы бжэгъу кIэщI щIым хаукIэр и лъэдакъэр занщIэу пыхауэ. Къэб. фольк. Жыг лъэдакъэжь гуэрым тест ар {хъыджэбзыр}. . спэмыжыжьэу. Iуащхь.
ЛъэдакъэкIэ гъэвэн сильно наказать кого-л. (букв. заставить пахать пятками).
Лъэдакъэ махуэ къыщынэн счастливо уйти из родного дома (о выходящей замуж девушке).
Лъэдакъэм егъэпхъуэжын дать кому-л. жару.
* УкъыкIэрымыху, . . уи лъэдакъэм уезгъэпхъуэжынщ. КI. А.
Лъэдакъэм (лъэдакъэпэм) теувэн = лъэдакъэпэр пычын.
Лъэдакъэпэр пычын наступать на чьи-л. пятки, настигать, догонять кого-л.
* Бажэр ирахужьащ и лъэдакъэпэр пачу. Дыщэ кI.
Псэр лъэдакъэм кIуэжын см. псэ.

Словарь Кабардино-Черкесского языка. 2014.

Игры ⚽ Поможем написать реферат

Поделиться ссылкой на выделенное

Прямая ссылка:
Нажмите правой клавишей мыши и выберите «Копировать ссылку»